- адэ
- I 1. отец/ Быныр зей цIыхухъу.* Cи адэм сыдэIэпыкъуу сэ Аурсэнтх хъупIэм сыщыIат зы мазэкIэ. Гъу. Л. Си адэм Буденнэм къритауэ сэшхуэ дахэ иIэщ. Т. Хь. Уи адэ гъуэгужь, жыжьэщ жыпIэу, умыбгынэ. (погов. )2. вежливое обращение к пожилому мужчине/ Нэхъыжьхэм зэрызыхуагъазэ псалъэ.Уа, ди адэ!адэ къуэш дядя по отцу/ Адэм къыдалъхуа цIыхухъу, адэм и шынэхъыжь е шынэхъыщIэ.* Си адэ къуэшым куэдрэ граждан зауэм зэрыхэтам и гугъу къытхуищIыжырт. Iуащхь.адэ хэку отечество, родина/ Укъыщалъхуа, уи лъэпкъ щыпсэу, абы и тхыдэр зэпха щIыпIэ.адэ шыпхъу тетя по отцу/ Адэм и шыпхъу, адэм къыдалъхуа цIыхубз.* Анэ шыпхъу анэ палъэщи, адэ шыпхъу адэ палъэщ. (погов. )адэ щIэин вотчина, имущество умершего отца/ Адэм къыщIэна щIы, мылъку.Гулъэмрэ жеймрэ адэ щIэиныфIщ. (погов. )II нареч. там, туда;/ ЩIыпIэ нэхъ жыжьэ, нэхъ пыIудза.КIуэ адэ. IукI адэ.* Зэ и пыIэр Хьэбалэ адэ къуэм деутIыпщхьэри, хьэми, кIэпкъжьэпкъын фIэфIщи, иутхыпщIурэ дзэкIэ къехьыж. Гъу. Л. Абы япэ къитхъыр тезыщIыхьхэм я макъыр адэ хьэсэпэмкIэ къыщоIу. Хь. Хь.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.